Открытый урок по кабардинскому языку

Открытый урок по кабардинскому языку

Къэгъэсэбэпыпхъэхэр: слайдхэр, сурэтхэр, анэм теухуа усэхэр, Кулиевым теухуа материал хьэлэмэтхэр.

Урокым и эпиграф :

Зи псэр щабэ,

Зи гур хуабэ,

Зи лъэр быдэ,

Зи 1эр лъэщ,

Щ1ы уи ф1эщ:

Анэ дыщэ!

Сэ сымыщ1э

Щы1эу пхуэдэ уэ нэгъуэщ1.

Урокым и ек1уэк1ык1эр.

Егъэджак1уэм.

Ди урокым эпиграф хуэтщ1ам (эпиграфыр жы1эн) къегъэлъагъуэ нобэрей ди урокыр мы дуней псом нэхъ телъыджэу, нэхъ дахэу, нэхъ щабэу тет анэм тхак1уэм зэрытриухуар. Нобэ дэ ди мурадыр анэм ди гъащ1эм щиубыд увып1эр псэк1э зэхэтщ1эу щытынырщ. Фэри зэрыфщ1эщи, анэм хуэдэ теткъым дунейм. Анэр зыхуэбгъадэ хъун щы1экъым, сыт щхьэк1э жып1эмэ анэр ди гъащ1эм и дыгъэщ, и хуабэщ. Арауэ къыщ1эк1ынщ псалъэжъым щ1ыжи1эр

«Анэр нэм хуэдэщ». Пэж дыдэщ. Анэр хуэдэщ нэм, анэр хуэдэщ псэм, анэм хуэдэ теткъым дунейм. Нобэрей ди урокри теухуащ анэм Кулиевым хуитха усэ хьэлэмэтым. Къайсын Кулиевыр мы илъэсым къызэралъхурэ илъэсищэ ирокъу. Ар мыадыгэ тхак1уэми ди щ1ыналъэм щыщщ, икъук1э дызэрыгушхуэ тхак1уэ ц1эры1уэщ, тхак1уэ щэджащэщ.

- Сытыт нобэрей урокым хуэвгъэхьэзырыну щытар?

- Нобэрей урокым хуэдгъэхьэзырыну дэ унэ лэжьыгъэу ди1ащ Кайсын Кулиевым теухуауэ доклад тщ1ыну.

Нэхъ дигу ирихьа анэм теухуа усэ зэдгъэщ1эну, анэм теухуа сочиненэ дгъэхьэзырыну, гукъыдэж зи1эм анэм и сурэти къэдгъэлъэгъуэну.

Кулиевым теухуа презентацэ зыщ1ыфым тщ1ыну. «Кулиевым деж лъэбакъуищэ» проектым теухуа материал къэдгъуэтыну.

Тхак1уэм и гъащ1эм нэхъ хьэлэмэт къыщыхъуахэм я материал лъыхъуэн.

Егъэджак1уэм: Хэт унэм щигъэхьэзырыфа Кулиевым теухуа доклад?

Еджак1уэм:Сэ «1уащхьэмахуэ» журналым къыщызгъуэтащ Кулиевым теухуа материал хьэлэмэт

Хэкул1

«1уащхьэмахуэ» журнал

Балъкъэр поэзием и мызакъуэу, СССР-м и лъэпкъыбэ литературэм куэдк1э узыщыгугъ хъун усак1уэ къызэрыхыхьэм пасэу гу лъатат Къайсын и япэ усэхэм щыгъуазэ зызыщ1а тхак1уэ ц1эры1уэхэм. Кулиевым и усэхэм 1930-40 гъэхэм псалъэ гуапэхэмк1э пэджэжахэм ящыщт Пастернак Борис, Тихонов Николай, Твардовский Александр, Кедрин Дмитрий, нэгъуэщ1хэри. Зи псэри зи гъащ1эри усыгъэм анэмэт хуэзыщ1а а л1ы щэджащэхэр щыуатэкъым Кулиев Къайсын дуней псом ц1эры1уэ щыхъун усак1уэ телъыджэ къыхэк1ыну щыжа1ам щыгъуэ. Абыхэм къагуры1уат гъащ1эр къыщыуш пщэдджыжьыр ф1эхъус-сэлам дахэк1э къезыгъэблагъэ («Сэлам, пщэдджыжь!») усак1уэм и псэр зэрыкъабзэр, ар Алыхьым усэным къызэрыхуигъэщ1ар.

Апхуэдэ щ1алэуи къыщ1эк1ащ Шэджэм аузыщхьэм къыщалъхуа Къайсын. Зи адэр пасэу дунейм ехыжа сабийм игъэунэхуат апхуэдэм къытепсыхэ хабзэ хьзаб псори. Ауэ щ1алэ ц1ык1ур абыхэм къызэф1агъэщ1акъым, ат1э япсыхьащ: къэзыухъуреихь мылылъэ къырхэм я быдагъыр, я къабзагъэр зыхэзыщ1эу, къуршыбгъэхэм зэрыза1эт лъагагъыр зи хъуэпсап1эу, и къуажэгъу 1эщыхъуэхэм, щак1уэхэм я дуней тетык1эм дэплъейуэ гъащ1э гъуэгум техьа Къайсын школми хъарзынэу щеджэу, зэрылъэк1к1э унагъуэми зыщ1игъакъуэу къэхъуащ. Хэлъэт и1эт, гурыхуэти, абы псынщ1эу къипхъуатэрт нэхъыжьхэм 1урылъ уэрэдхэри, хъыбархэри, я бзэм и дахагъри.

Школым къыщ1иха щ1эныгъэм нэмыщ1, усэнми зи гур къыхуэушауэ Шэджэм аузым къыдэк1а щ1алэщ1эм Налшык къалэм куэдрэ зыщи1эжьакъым - артистыгъэм хурагъэджэну Мэзкуу ягъак1уэр адыгэ, балъкъэр щ1алэгъуалэ гупи Кулиеври абыхэм яхохуэ. Дауи, щ1алэм куэдк1э къыхуэщхьэпащ къэралым и къалащхьэм щигъэк1уа илъэсхэр: а лъэхъэнэм абы щыгъуазэ зыхуещ1 дунейпсо литературэм, искусствэм, тхак1уэшхуэхэр, артистхэр, композиторхэр, сурэтыщ1 ц1эры1уэхэр зрегъэц1ыху.

Мис абдежхэращ Кулиев Къайсын усыгъэм и 1эф1ып1эхэр нэсу щызыхищ1ар, езыри литературэм и гъуэгум быдэу щытеувар. Арщхьэк1э, еджэныр зэпигъэун хуей мэхъу: къулыкъу щищ1эну дзэм яшэ. Ауэрэ Хэку зауэшхуэр къохъейри, къалэмым щ1ыгъуу 1эщэри къещтэ. Парашютистхэм яхэту зэуэнри журналист лэжьыгъэри зэдэзыхь сэлэт-усак1уэм и къалэмыпэм къыщ1эк1 тхыгъэхэр щ1эх-щ1эхыурэ радиок1э къат. Ахэр къытохуэ «Сын Отечества», «Правда», «Красная звезда» газетхэми, журналхэми.

Кулиев Къайсын яхэтащ Мэзкуу, Орел, Ростов къалэхэм, Украинэм, Прибалтикэм, нэгъуэщ1 щ1ып1эхэми фашистхэр щыхэзыгъэщ1а ди сэлэтхэм. Маф1э лыгъэм щызэрихьа л1ыхъужьыгъэхэм папщ1э кърата дамыгъэ лъап1эхэр зи бгъэм къыхэлыдык1 сэлэт хахуэм, зи тхыгъэхэмк1э зауэ зэманым къэралым ц1эры1уэ щыхъуа усак1уэм щ1акъуэ баш и1ыгъыу лъахэм къегъэзэж. Арщхьэк1э щ1ап1э нэщ1 къихьэжауэ къыщ1ок1: леишхуэ зытехьа и лъэпкъыр ирашати, езыми еунэт1 къэзылъхуахэмрэ къыдалъхуахэмрэ къыщыхута щ1ып1э жыжьэхэм.

Алыхьым къыхуигъэщ1а къалэмыр Кулиев Къайсын абыи щигъэт1ылъакъым - и гур етауэ, и псэ 1ыхьэ хилъхьэу ар и лъэпкъым емышыжу хуэлэжьащ. И лэжьыгъэри псыхэк1уадэ хъуакъым: балъкъэр усак1уэшхуэм и къалэмыпэм къыщ1эк1а тхыгъэхэр зэрыт тхылъ бжыгъэншэхэм ящыщ 1эджэ нобэ щ1ы хъурейм щызэ1эпах. Езы усак1уэшхуэр дунейм ехыжами, абы и творчествэм и ф1ыгъэ куэд хэлъщ ди лъахэри ди лъэпкъхэри дуней псом нэхъыф1у къыщац1ыху зэрыхъуам, сыту жып1эмэ, апхуэдэ зэф1эк1 ябгъэдэлъщ гу къабзэрэ псэ дахэк1э къагъэщ1а художественнэ тхыгъэхэм, аращ ахэр лъэпкъ дамыгъэ щ1эхъури, а дамыгъэ лъап1эр зи 1эужьыр хэкул1у щ1абжри.

Егъэджак1уэм: Упсэу материал хьэлэмэт къэбгъуэтащ. «1уащхьэмахуэ» журналым феджэ, ц1ык1ухэ, абы ди тхак1уэхэм теухуа куэд, ятха тхыгъэхэр къыщывгъуэтынущ.Хэт иджыри лъыхъуа, къигъуэта тхак1уэм теухуа материал хьэлэмэт?

Сэ материал гъэщ1эн къыщызгъуэтащ интернетым:

Илъэсит1 енк1э щагъэхьэзыращ Игорь Крутойрэ Дмитрий Хворостовскэрэ Москва, Нью-Йорк, Лондон я студиехэм опернэ шоу «Дежавю». Илъэсит1к1э къалъыхъуащ абыхэм уэрэд, 24 хъу композицэр зэпызыщ1эн. Игорь Крутой къещ1эж илъэс 25-рэ ипэк1э макъамэ зыщ1илъхьауэ щыта Къайсын Кулиевым и и псалъэ зыщ1элъ «Музыкэ» уэрэдыр. Хворостовскэм зэрыжи1эжымк1э проектым хэт уэрэдхэм ар псом нэхърэ нэхъ ф1ыуэ илъагъут.

Печальна и чиста,

Как жизнь, людьми любима,

Как жизнь, ты непроста,

Как жизнь, непостижима, МУЗЫКА!

Везде, в любом краю,

Летишь ты с губ и клавиш.

И ту застыть заставишь, МУЗЫКА!

Уэрэджы1ак1уэ ц1эры1уэ Аллэ Пугачевэ, «Судьба» уэрэдымк1э куэдым къац1ыхуам, зэрихъуэк1ат уэрэдым и иужь дыдэ едзыгъуэр.

«Та женщина которую люблю» жыхуи1эр хъуат «женщиной которая поет». Усэр зей Къайсын зык1и и жагъуэ ищ1атэкъым ар.

Судьба, прошу, не пожалей добра,

Терпима будь, а значит, будь добра,

Храни ее и под своей рукою

Дай счастья ей, а значит, дай покоя

Той женщине, которую люблю.

Егъэджак1уэм: Упсэу, хъарзынэу бгъэхьэзыращ, материал хьэлэмэт дебгъэдэ1уащ.

Еджак1уэм: Сэ сылъыхъуащ Кулиевым и фэеплъ сын здэщы1эхэмрэ абы и ц1эр зезыхьэ щ1ып1эхэмрэ.

И фэеплъ сынхэр:

Къайсын Кулиев и фэеплъ сын Налшык къалэм и проспект езы Кулиевым и ц1эр зезыхьэм тетщ.

Мемориальнэ комплекс «Лъэбакъуищэ Кулиевым деж» («Сто шагов к Кулиеву») езыр къыщалъхуа Эл-Тю-Бю къуажэм дащ1ыхьащ ар ф1ыуэ зылъагъу и хэкуэгъухэм.

И фэеплъ сын щагъэуващ езы тхак1уэр щыпсэуа и пщ1ант1э унэ-музей ящ1ам, Шэджэм къалэм.

Тхак1уэм и ц1эр зэрахьэ:

Налшык и зы проспект, Балъкъэр драмтеатрым, Шэджэм къалэм и зы уэрам, Нижний Чегем дэт еджап1эм, Тырнауз дэт Щэнхабзэ унэм, Ингушетем и зы уэрамым, Бишкек (Киргизие) дэт библиотекэмрэ и зы уэрамрэ, Индием и еджап1эрэ и музейрэ, Тыркум и къалэ Анкара дэт паркым, н.

Егъэджак1уэм: Упсэу, хъарзынэу бгъэхьэзыращ, материал хьэлэмэт дебгъэдэ1уащ. Н1э, иджы дигу къэдгъэк1ыжынщ тхак1уэм и анэ ф1ыщэу илъагъум хуигъэза псалъэхэм щыщ зы.

-Щы1эу къыщ1эк1ынкъым тхак1уэ анэм и образ уардэр къызыхэщ тхыгъэ имы1эу.

Анэр дунейм тетыху лъэк1ыр и быным хуищ1энущ. Бынк1э насыпыф1э хъуа анэм нэхъ хъуэпсэгъуэ щы1экъым, ауэ бынк1э гузэвэгъуэ зылъэгъуа анэм нэхърэ нэхъ гу1эгъуэ зытелъи щы1экъым.

Тхак1уэ, усак1уэ сыт хуэдэ лъэпкъым щыщри анэм и темэр псори зыгъэгумэщ1у, псори зытетхыхь темэу щытщ. Балъкъэр лъэпкъым къахэк1а усак1уэ гъуэзэджэ Къайсын Кулиевым и «Анэ» усэр хэт ищ1эжрэ? Усак1уэм и анэм хуи1э лъагъуныгъэр сыт хуэдэ гукъэк1ыжхэмк1э къыщигъэлъэгъуэжрэ мы тхыгъэ хьэлэмэтым? Хэт къеджэжыфын а усэм?

- Кулиев Къайсын «АНЭ»

Сэр папщ1э жеиншэу

Нэху куэдхэр уэ бгъэщт

Ц1э лейхэр бжыгъэншэу

Уи макъыр сэ си псэт,

Сигу хуабэ къысхуищ1т.

Зауэшхуэм и гъуэгуу

Гъуэгу к1ыхьу сэ ск1уам

Слъэгъуакъым уи нэгум

Уи нит1ым нэхъ гуапи

Слъэгъуакъым зым ей,

Уи шхыным нэхъ 1эф1и

Ехакъым си джий.

Уи 1ит1у си цейхэр

Сэ сщ1эркъым тетау.

Егъэджак1уэм: Хэт ищ1эрэ гум къехуэбэк1 анэм теухуа усэ ди адыгэ тхак1уэхэм ятхауэ?

Еджак1уэм: Сэ сигу къинауэ щытщ К1ыщокъуэ Алим и «Уи адэжь и унэ къэгъэзэж» усэр. Сыхуейт сэ абы фезгъэдэк1уэну.

Уц1ык1уу уи гум ибубыдэр

Дунейр бухыхук1э имыхун.

Си анэм ноби и джэ макъыр

Зэхэсхмэ, гъуэгур жыжьэ схунщ.

Седжэну жыжьэ сыщагъак1уэм,

А махуэр ноби сэ сощ1эж,…..

Мыкъуэжь Анатолэ и «Псалъэ жагъуэ» усэм щыгъуазэ сызэрыхъурэ сэ сыхуосакъ си анэ дыщэм и жагъуэ зэрызмыщ1ыным. Усак1уэр икъук1э гугъу ирегъэхь анэм къыжьэдэхуу жри1а псалъэ гуауэм.

Зы псалъэ къызжьэдэк1ат.

Ар мамэ и гущ1эм нэсри

И нэпсхэр къыщ1игъэк1ат.

Зы псалъи къызжимы1ат.

И 1элъэщ1 к1апэм щэху дыдэу

И нэпсхэр к1уэц1игъэпщк1уат.

А нап1эзып1эм си псалъэм

Ауэ шэм хуэдэкъэ псалъэр-

Сымыщ1эу сщ1энур, сыхэплъэу,

Сэ махуэ псор есхьэк1ат:

Мамэ и жагъуэ хъун псалъэ

Щхьэ си жьэм къыжьэдэк1а?

Сэ шыгъушыпсып1эм сыхэлъу

Жэщ к1ыхьыри езгъэк1уэк1ат:

Зи псэм щыщ хъуахуэ къысхэлъым

Сэ дауэ сегуэуэк1а!

Анэгухэм нэхърэ нэхъ п1ащ1э,

Нэхъ махэ умыгъуэтын,

Зы мыхьэнэншэу къыпф1эщ1ри

Яхуохъур ахэм удын.

Дахущывгъэт нэхъ гумащ1эу,

Сэ псалъэ жагъуэ жыс1ар зэ

Зезгъэ1этауэ си макъ-

Иджыри ф1элъщ си тэмакъ.

Егъэджак1уэм .

- Ц1ык1ухэ, тхъумэнумэ зы дахагъ, зы 1эф1агъ, зы гуапагъ анэхэм дэ зэик1 ягу девмыгъауэ, я жагъуэ дывмыгъэщ1.

-Сыту къезэгърэ мыбдеж драматург ц1эры1уэ 1ут1ыж Борис и псалъэ уигу къэбгъэк1ыжыну:

«Анэхэр- ар псынэщ, ар псысэщ, ар - Псатхьэщ, ар тхьэм и тхьэжщ».

Анэм теухуа псалъэжьхэр жа1э:

Анэр нэм хуэдэщ; Анэ зимы1эм гу1эр и махуэщ; Анэ бгъафэрэ хъурыфэ джэдыгурэ; Анэр нэщи, адэр лъэпкъщ;Анэм и быным хуищ1эр ф1эмащ1эщ; Анэм къуипэсыр гунэсщ; Анэм къуитыр 1эф1щ; Быныр псэм и хъуахуэщ.

Егъэджак1уэм: Сочиненэ зыгъэхьэзыра гупым дедэ1уэнт иджы.

Анэпсэр – ар Псатхьэщ.

Анэпсэр- ар псынэщ, ар псысэщ, ар Псатхьэщ,

Ар тхьэхэм я тхьэжщ.

А тхьэр тщхьэщытыхукIэ тхьэгъусэу,

Дэ сытри тлъэкIын ди гугъэжщ.

Си мамэ, си мамэ дыщэ! Сыту хуабагъэ куэд щIэлъ псэм къехуэбылIэ мы псалъэ дахэм. Си мамэ! Аращ сэ сызэреджэр мы Дуней псом нэхъ гъунэгъу дыдэу, нэхъ щабэу, гуапэу, IэфIу тет цIыхум. Анэгум нэхъ гумащIэ щыIэу къыщIэкIынкъым. И жагъуэ зэи пщIы хъунукъым анэм, абы и гъащIэр, и узыншагъэр хъумэн хуйещ. Анэр яхъуэжыркъым, ар ет1уанэуи бгъуэтыжынукъым. Аращ IутIыж Борис и усэм къыщиIуатэр: «Анэпсэр - ар псынэщ, ар псысэщ, ар Псатхьэщ, Ар тхьэхэм я тхьэжщ».

Гу щабэ, гу хьэлэл зиIэ цIыхущ си мамэ. Сэ икъукIэ срогушхуэ абы. Ар сэ си ныбжьэгъущ, си псэлъэгъущ, си хъумакIуэщ. СыткIи сэбэп къысхуохъу си мамэ дыщэ. Куэдрэ къохъу мамэ къысхуищIэ псори сэ занщIэу къыщызгурымыIуэ. Мамэ цIыхуфIщ, псэ хьэлэл зиIэщ, куэдым сэбэп яхуохъуф. Кулиевым и усэм къызэрыщи1уатэщи, анэм нэхърэ нэхъ 1эф1у пщаф1и, и макъым хуэдэу гуапи, и 1эхэм нэхъ щаби, ц1э лейхэр зимыгъэнщ1у къыпхуэзыгъутыфи дунейм теткъым. «Зауэшхуэм и гъуэгуу Гъуэгу к1ыхьу сэ ск1уам Слъэгъуакъым уи нэгум Гуак1уагъэк1э тек1уа» щыже1э усак1уэм и «Анэ» усэм.

Анэ иIэху цIыхур сабийщ. Анэм дежкIэ быныр балигъ зэи хъуркъым. Сыт ныбжьым имытми, анэм и быныр псэкIэ егъафIэ, гукIэ щабэу йодэхащIэ, нэм имылъагъу къарукIэ ехъумэ. Сэ си мамэ си напщIэщ. Согушхуэ икъукIэ апхуэдэ мамэ сызэриIэм щхьэкIэ.

Махуэ къэс солъагъу си анэр, ауэ занщIэу сигу къыщыпылъадэкIэ, и теплъэр си нэгу IупщIу къысхущIэгъыхьэркъым. Нэр есэщауэ ара, хьэмэрэ, слъагъуху щIэ гуэр, IэфIыгъэ, гуапагъэ хэслъагъуэрэ? СщIэркъым… Сэ сщIэр зыщ: си мамэ зыми ещхькъым. Сэ си мамэ ещхьщ жэщ кIыфIыр зыгъэнэху вагъуэм, уафэгум къилыдыкI дыгъэм, дуней дахэм и теплъэм.

Езгъэлейуэ къыпщыхъурэ?! Хьэуэ, сэ абы хужысIэр мащIэщ, е, пэжыр жыпIэмэ, зыри абы хужысIэфыркъым. Мы дуней псом тету пIэрэ анэм и теплъэр, и щытыкIэр къызэрыпIуэтэфын псалъэ. Хэту пIэрэ анэм гъунэгъущэу епхьэлIэ хъун псалъэ лIэщIыгъуэ Iэджэ зи ныбжь си лъэпкъым и бзэ къулейм? Хэту къыщIэкIынущ, ауэ сэ ахэр къысхуэгъуэтыркъым, схуригъэкъуркъым, схузэхуэхьэсыркъым. Схуригъэкъуркъым псалъэхэр, си мамэ къызэрывэзгъэцIыхун. Ар, си мамэ дыщэр, зыми ещхькъым, мы дуней псом цыхуу тетым ялейщ. Мы дунейм цIыху тетыр зыгуэрхэм я мамэщ. Анэм быныр гурэ псэкIэ елъагъу. Дэтхэнэ бынми и къалэнщ анэр фIыуэ илъагъуну. Сэ сыхуейт, нобэ ар зымыщIэжхэм, анэ зыгъэгузавэ, зыгъэгуIэхэм мыпхуэдэ псалъэхэмкIэ захуэзгъэзэну:

Анэгу щабэр сыту уIэгъуафIэ,

Зы нэпс закъуэм ар егъэпIейтей.

Маржэ, фхъумэххэнум зы дахагъ,

Анэхэр фэ зэик1 фымыгъагъ.

Анэр гуIэм, щIылъэри гуIэнущ,

Тетыжынкъым дунейм зы гуапагъ.

Маржэ, фхъумэххэнум зы дахагъ,

Анэхэр фэ зэик1 фымыгъагъ.

( Джэдгъэф Борис «Анэхэр фэ зэик1 фымыгъагъ»)

Ет1уанэ сочиненэм къеджэнщ

Си анэ, си анэ дыщэ!Си анэ лъап1э!

Хэт хъуну си анэр! Си анэр си сабиигъуэр дахэ, щ1эращ1э, гум имыхужын зыщ1 анэщ. О, сыту куэд хужыс1эфынт сэ си анэм, ауэ зы жы1эгъуэк1э, зы тхыгъэ сочиненэк1э гугъущ и щытык1э псори, и 1уэхущ1афэхэри, и дахагъри, ц1ыхугъэу хэлъри къэп1уэтэну.

Хэт, е сыт хуэзгъэдэфыну сэ си анэм? Зыми.

Сэ зэи згъэлъэп1акъым дыщэ к1анэр,

Слъытар лъап1агъэу псэ зыхэтыращ.

Си лъахэр, е зи нэху къесхьэк1 си анэр

Хуэзгъадэм дыщэм – згъэпудауэ арщ – щыже1э «Сэ зэи згъэлъэп1акъым дыщэ к1анэр» и усэ хьэлэмэтым Махуэл1 Нарзан.

Кулиевми и «Анэ» усэм гу лъыдегъатэ анэм и нэм жей къемык1уэу жэщ куэдк1э быныр зэрип1ыр, ар емызэшу ит1ани ц1э лей 1эф1хэр быным къыхуигъуэту, а т1ур зэпэ1эщ1э хъуами т1уми я гур зэпыщ1ауэ зэрыщытым.

Уи макъыр сэ си псэт,

Сигу хуабэ къысхуищ1т.

Си анэр щ1алэщ, дахэщ. Мы дунейм тет анэ псом нэхърэ нэхъыф1щ. Ар ц1ыху щабэщ, псэ къабзэщ, жыджэрщ, езэш зимы1эщ, псэемыблэжщ. Абы и псэр къыттегужьеик1ауэ деп1. Ди анэр дэ ди гъэсак1уэщ, ди ущияк1уэщ. Абы и псалъэ шэрыуэхэм куэдым дыщ1агъэджык1. Зэпеуэ инхэм, школ кружокхэм дыхэтщ, а псом къыдэк1уэуи «5»-к1э доджэ. Апхуэдэ ехъул1эныгъэхэр ди1энымк1э псэемыблэжу хузэф1эк1 псомк1и къыддо1эпыкъу, дытрегъэгушхуэ, гукъыдэж, дэрэжэгъуэ къыдет ди анэ дыщэм.

«Пщ1э лей щы1экъым, пщ1эф псори щхьэпэщ»- аращ ди анэм дэ къыджи1эр, дызэригъэ1ущыр. Къыдджи1э къудейкъым, ат1э ик1и сыт хуэдэ 1уэхуми хуэ1эк1уэлъак1уэ дызэрыхъуным дыхуегъасэ. Дыщысабий дыдэм щыщ1эдзауэ ди анэм и ущие псалъэхэм, хъыбархэм, таурыхъхэм куэдым дыхуагъэсащ, ф1ымрэ 1еймрэ зэхэдгъэк1ыфу дащ1ащ.1уэхуф1 куэдхэр, 1уэху щхьэпэ инхэр дигъэщ1эным къыдэк1уэу ди анэм хабзэм, нэмысым, адыгагъэм сыт щыгъуи дыхуегъасэ. Ахэр псом я щхьэу ц1ыхум бгъэдэлъын хуейуэ зэрыщытыр къыдгурегъа1уэ. «Нэмыс зи1эм – насып и1эщ», «Пщ1эрэ щытхъурэ къащэхуркъым – ар къалэжь» къыдже1э ди анэм.

Гъунэрэ нэзрэ зимы1э ф1ыгъуэщ ди анэм и псалъэ 1ущхэр, к1эух зимы1э насып лъагъуэщ абы тхухиш гъуэгур.

Си анэ дыщэ, псом нэхърэ нэхъ лъап1э! Щрет уи гъащ1эр

бын насыпк1э, гуф1эгъуэк1э, зэгуры1уэныгъэк1э гъэнщ1ауэ.

Егъэджак1уэм: Нт1э, дэ нобэ дызэдэ1уа сочиненэхэм къыхощ сабий дэтхэнэми и анэр ф1ы дыдэу зэрилъагъур. Ди урокыр зытеухуа Кулиевми и анэр и псэм щыщу зэрыщытым гу лъыттащ. Къэзылъхуа и анэм зэрыхуэпэжым хуэдабзэу ар хуэпэжт и лъэпкъ къызыхэк1ам. Леишхуэ зытехьа и лъэпкъыр хэкум ирашауэ кърохьэл1эжри, езыми еунэт1 къэзылъхуахэмрэ къыдалъхуахэмрэ къыщыхута щ1ып1э жыжьэм.

Къайсын абыи щигъэт1ылъакъыми къалэмыр - и гур етауэ, и псэ 1ыхьэ хилъхьэу ар и лъэпкъым емышыжу хуэлэжьащ. И лэжьыгъэри псыхэк1уадэ хъуакъым: балъкъэр усак1уэшхуэм и къалэмыпэм къыщ1эк1а тхыгъэхэр зэрыт тхылъ бжыгъэншэхэм ящыщ 1эджэ нобэ щ1ы хъурейм щызэ1эпах. Езы усак1уэшхуэр дунейм ехыжами, абы и творчествэм и ф1ыгъэ куэд хэлъщ ди лъахэри ди лъэпкъхэри дуней псом нэхъыф1у къыщац1ыху зэрыхъуам, сыту жып1эмэ, апхуэдэ зэф1эк1 ябгъэдэлъщ гу къабзэрэ псэ дахэк1э къагъэщ1а художественнэ тхыгъэхэм, аращ ахэр лъэпкъ дамыгъэ щ1эхъури, а дамыгъэ лъап1эр зи 1эужьыр хэкул1у щ1абжри.

Апхуэдизу зи лъэпкъым хуэпэжу псэуа Къайсын езыр яхэмытыжми икъук1э пщ1эшхуэ и къыхуащ1ащ и лъэкъэгъухэм. Хэт игъэхьэзырауэ п1эрэ «Кулиевым деж лъэбакъуищэ» проектым теухуа материал?

Тхьэгъэзит Зубер Кулиевым теухуауэ и гукъэк1ыжхэр

Кулиевым ди республикэм и тхак1уэхэм, псом хуэмыдэу тхак1уэ ныбжьыщ1эхэм, и нэ1э тригъэту зэрыщытам и щыхьэтщ тхэн щ1эзыдзэхэм зэпымыуууэ зэрыдэлэжьар. Абы и щапхъэ къэсхьыну сыхуейт си щхьэк1э си нэгу щ1эк1ауэ.

Илъэс зыкъом и пэк1э Къэбэрдей-Балъкъэрым и литературэмрэ и искусствэмрэ я махуэхэр Москва щек1уэк1ырт. «Дружба народов» журналым и редакционнэ коллегэм хэтхэм я зэ1ущ1эм драгъэблэгъат. Кулиевыр сэ къызоупщ1» «Урысыбзэк1э зэрадзэк1ауэ, ауэ зыщ1ып1и трамыдзауэ усэ п1ыгъ? Ярослав Смеляков едгъэлъагъунщ»-, же1эри. Абы щыгъуэ урыс тхак1уэшхуэм и 1эмыщ1э илът журналым усыгъэмк1э и отделыр. Сэ Къайсын жес1ащ си усибл «Дружба народов» журналым зэрытрадзэнумк1э Москва дыкъэк1уэным и пэк1э хъыбар къызэрызагъэщ1ар. Кулиевыр и гурэ и псэрэ къыбгъэдэк1ыу къызэхъуэхъуащ. Редколлегием и зэ1ущ1эр иуха иужь, абы Ярослав Васильевич и кабинетым сыщ1ишэри сригъэц1ыхуащ: «Мы щ1алэр а зи усэ гуп тевдзэ Тхьэгъэзитыр аращ». «Молодая гвардия» тхылъ тедзап1эм къыщыдэк1а къудейуэ Смеляков езым и усэ сборник и 1э щ1элъу къызитащ. А тхылъым щхьэк1э сэ авторым и мызакъуэу Къайсыни нобэр къыздэсым ф1ыщ1э хузощ1.

Дыщызэбгъэдэк1ыжым кулиевым зыкъызэкъуихри щ1эупщ1ащ: «Ярослав Васильевич, Зубер теухуауэпсалъит1-щы стхы хъуну? Абы и усэхэр нэхъапэми Москва щытрадзащ, ауэ мыр къалащхьэм къыщыдэк1 журналым итыну япэ усэ гупышхуэщ». Смеляков: «Ар хъарзынэ дыдэ хъунт. Дапщэщ пхуэтхын?»- щыжи1эм Къайсын занщ1эу жэуап итащ: «пщэдей къэсхьынщ!» Сэ ар згъэщ1агъуэри занщ1эу усак1уэм сеплъащ,- пщыхьэщхьэм ар зэ1ущ1э к1уэн хуейт гуп псом ящ1ыгъуу. Къыщысыжынур жэщыбгырт, пщэдджыжьым жьыуэ лэжьэн щ1идзэнут- ауэ Кулиевыр къыпыгуф1ык1ащ: «Сэ сыщылажьэм зэи сешыркъым, сымыжеиххэми мэхъу»- жи1эу. Жэщым хьэщ1эщ дызыщ1эсым Къайсын щитха псалъэпэр и1эуи си усэхэр традзауэ щытащ.

Зэгуэрым Центральнэ телевиденэмк1э Москва щыщ усак1уэ гуп Къайсын яхэту къагъэпсалъэрт. Езыгъэк1уэк1ыр Алексей сурковти, абы Кулиевым псалъэ кърет усэ къригъэджэну. Дакъикъитху ф1эк1а зэмануи усак1уэм и1этэкъым. Ит1ани Кулиевыр щ1алит1ым - Гуртуев Салихьрэ сэрэ Руставели и поэмэр адыгэбзэрэ балъкъэрыбзэк1э зэрызэддзэк1ам- тепсэлъыхьри, абы и ужьк1эщ и усэхэм къеджэу щыщ1идзар.

Къайсын Кулиев 1985 гъэм, июным и 6-м щ1этлъхьэжащ. Сэ усак1уэм и бэным сыщхьэщыту Пушкинрэ Лермонтовымрэ сигу къэк1ыжауэ сегупсысырт: «Нобэ Александр Сергеевич Пушкин къыщалъхуа махуэщ. Уэлбанэщ, уэшхыр кърек1ых Мартыновым и шэм Михаил Юрьевич Лермонтовыр щиук1а Махуэ хьэлъэм ещхьыркъабзэу».

📎📎📎📎📎📎📎📎📎📎